Уэсят

Игъащӏэм зы цӏыху ткӏыбжь дунейм тетамэ, Сандул беижьыр етӏуанэт. Илъэс пщӏейм нэс псэуати, абы зыгуэрым и фӏыщӏэ жиӏауэ, е зы сабий и щхьэфэ ӏэ дилъауэ зыми ищӏэжыркъым. И набдзэ кӏырхэр зэхэуфарэ пэбжьауэу псэурт ар. Абы цӏыхуу дунейм тет псори хьэбыршыбыру къыщыхъурт. Хузэфӏэкӏамэ, езым и закъуэ фӏэкӏаи дунейм зыри тригъэтынтэкъым.

Апхуэдэу екӏуэкӏыурэ, Сандул сымаджэ хьэлъэ хъуащ. И псэ еджэу здытелъым, абы и фызыр къелъэӏуащ:

– Уэсят къэщӏыж! – жиӏэри.

– Ялэхь, – жиӏащ Сандул, – сэ сылӏа нэужь, витӏ яшхын удз къыумыгъэкӏыж! Ялэхь, мы дунеижьыр къигъэщэхэж! Мис аращ си уэсятыр!

Сандул дунейм зэрехыжрэ ӏэджэ щӏащ. Ауэ абы и цӏэ ягу кърикӏыжыну мы дунейм зыри къытринакъым, цӏыхухэм зэхахмэ, я щхьэфэцыр зыгъэтэдж и уэсятым фӏэкӏ.