Бадий

– Бадий, губгъуэм укӏуэфынкъэ уэ?

Уемызэшу увэфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Сиӏэщ уз емынэ:

Жьыбгъэм сыщошынэ.

– Бадий, жылэ тепсэфынкъэ уэ?

Е машинэ зепхуэфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Сехьыр сэ си шхалъэм,

Сеукӏ сыздэпсалъэм.

– Бадий, хьэсэр къитхъ пщӏыфынкъэ уэ?

Жылэм ящӏэр пхуэщӏэфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Щоункӏыфӏыкӏ си нитӏыр,

Фӏех, мэуз си куитӏыр.

– Бадий, фӏанэ пӏыгъыфынкъэ уэ?

Къабзэу хадэ упщӏэфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Къыдэкӏащ си ӏэпщэр,

Схуэгъэхъейркъым си пщэр.

– Бадий, матэ зепхьэфынкъэ уэ?

Нартыху бэвыр дэпчыфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Зэтречыр си щхьэр –

Си ӏэпкълъэпкъ нэхъыщхьэр.

– Бадий, шэмэдж бгъэбзэфынкъэ уэ?

Мэкъу аргъынэ къэпхьыфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Къута мыгъуэщ си тхыр,

Арщ дохутырым схуитхыр.

– Бадий, мэз ущӏыхьэфынкъэ уэ?

Пхъэ гулъэфӏи къэпшэфынкъэ уэ?

– Хьэуэ!

Зэрыпкӏащ си шхулъэр,

Щӏэувэжкъым си лъэр.

– Бадий, баш къепхьэкӏыфынкъэ уэ?

Ди мэл гуартэр пхуэгъэхъункъэ уэ?

– Хьэуэ!

Сыдигъэкӏкъым си гум

Зэикӏ бгым и щыгум.

– Бадий, накӏуэ-тӏэ ефакӏуэ,

Уэ пщӏэ «Нащхъуэм» деж хьэщӏакӏуэ!

– Накӏуэ!

Дэнэ дыщефэнур?

Дапщэ дызэфэнур?