Кӏуэрыкӏуэсэж

Бгырыс хъыбар

Хьэрун мэкӏуэж и унэ щхьэхьу,

Бгъэм щӏигъэӏа тхьэкӏумэкӏыхьу.

И жэкӏэр бланэм зым щымыщ

Абы и жэкӏэм елъытауэ.

Мэкӏуэж и фочыр хыфӏидзауэ.

Цӏыкӏу хъуащи, щӏылъэм къытемыщ.

Ар къыщӏэкӏакъым адыгэлӏу,

Нэмыси хабзи щыгъупщащ.

Къыхэзэрыхьри шынэр и лъым,

Къызыхэкӏар игъэгъуэщащ.

И адэ хахуэр, и къуэшитӏыр,

Лъы пщтыркӏэ щӏыпцӏэр ягъэщӏытэу,

Зэуапӏэ губгъуэм къринащ,

Ялъ зыщӏэжынум хигъэнащ…

Дохьэжыр махуэр хьэрэкъуакӏэ,

Бгы нэкӏум ныбжьхэр къызэпхопс.

Макъ щэхухэр губгъуэм щызэхуос,

Дэхьэхыгъуафӏэхэр ираджэу.

Къыкъуоу арыххэу ищхъэрэжьыр,

Псыӏагъэ мащӏэр кърихьэжьэу.

Гуфӏэжу мазэри къыщӏокӏ,

Уэгу лъащӏэм вагъуэхэр ӏэщӏокӏ!..

Хьэрун къоувыӏэ, и псэр пыхуу.

Бгы лъапэ мазэм къигъэнэхум

Къыщелъагъужри щалъхуа жылэр,

Дыгъу хуэдэ, бжыхьым ар йопщылӏэ.

Щыдымкъым зыри къуажэ кӏыхьым,

Хэт хуэдэщ зэрыжылэу пщӏыхьым,

Арщхьэкӏэ, ищӏэркъэ Хьэрун,

Къыӏэщӏэкӏакъым бий ерум

Езым фӏэкӏа псэ пыту зылӏ.

Адрейхэр псори губгъуэм илъщ…

Хъыбарри япэ къэсагъэнщ.

Ар ищӏэу хэт жейм езэгъын?

Бгъэдохьэ ар бгъэныщхьэ унэм,

Плъыр сакъыу ӏутым къуажэ гъунэм.

Щхьэгъубжэ лъахъшэм щэхуу доплъыр,

Уэздыгъэ нэфыр дапхъэм щоблэ.

Йобакъуэ сакъыу ар бжэщхьэӏум,

Щхьэщохьэ пӏэм хэлъ и ныбжьэгъум.

Сэлим, щошынэри гущӏэгъум,

Тэмакъым щетхьэлэжыр щэӏур.

Узыфэ бзаджэ къеуэлӏащи,

Куэд щӏауэ ар пэщӏэтщ ажалым.

Иджы ныбжьэгъум къыхуогуфӏэ,

Гуапагъэр и нэм къыщӏоувэ,

Мэхъуж аргуэру гумызагъэ.

Къызэфӏотӏысхьэри ерагъыу -

Къодаӏуэ, пэплъэу хъыбарыфӏ.

Хьэрун, и нэгур хъуауэ кӏыфӏ,

И хъыбар дыджыр ирешажьэ,

Ещхьу удын зытрашащӏэм:

“Жэщитӏ-махуитӏкӏэ ауз зэвым

Дыщызэуащ, зыдмыгъэпсэхуу.

Си адэ дыщэр хэкӏуэдащ,

Абы къуэшитӏри кӏэлъыкӏуащ.

Нобэ адыгэм димымахуэт.

Къыхэсхри си псэр ажал мафӏэм,

Щхьэ закъуэу гъуэгу сыкъытехьащ,

Пхуэмыӏуэтэнуи гугъу сехьащ.

Сыхуэдэт щакӏуэм иху дыгъужьым,

Си лъакъуэр банэхэм яфыщӏырт,

Иуӏэрт зэми мывэ жаным.

Сфӏэщӏт гъащӏэ псокӏэ сыкъэжауэ,

Сызыхъумари къысхуэмыщӏэ.

Уи пащхьэ ситщи - Тхьэм и фӏыщӏэщ.

Уэращ ныбжьэгъум я нэхъыфӏыр.

Бийр щхьэщыухукӏэ сыпхъумэфым -

Игъащӏэ псокӏэ сщыгъупщэнкъым,

Дэӏэпыкъуэгъу ущызгъэщӏэнкъым!..”

Сэлим и нэгум зыкъеуфэ,

И нитӏым губжьыр къыщӏоувэ.

Лӏэныгъэ нэхъри пэгъунэгъу

Зыщӏам иредз иужьрей псалъэр:

“Афӏэкӏ уи нэгум сумыгъаплъэ,

Къэрабгъэр хъунукъым ныбжьэгъу!..”

Укӏытэм гущӏэр кърисыкӏыу,

Зэгуэпым лъынтхуэр пикъузыкӏыу,

Хьэрун бжэщхьэӏум йобэкъуэж,

Бжэр, хэщэтыкӏыурэ, ӏуоуэж…

Хьэрун кӏыфӏыгъэм къыхохутэ.

Бауэжкъым жэщыр, къебий хуэдэ,

И ныбжьми щӏылъэм зыщеудыгъур.

Хьэрун и гущӏэм щигъэтӏыгъуэ

Гугъапӏэ щэхур къоушыж,

Гуфӏэгъуэр и нэм къыщӏощыж.

Гухэлъ зелъатэр къеӏусащ,

Ба пщтыру щӏалэм и нэкӏущхьэм,

Къылъэӏэсащ псэм фӏэфӏу гущхьэм;

Нэгу къабзэр кӏыфӏым къыпхыпсащ,

Игу лъащӏэм нэсу къыхуэгуапэу,

Къызэӏуихыжу насып кӏуапӏэр.

Сыт къэмыхъуами къыхуэпэж

Зэриӏэр дауэ щыгъупщэжт!..

Къэгушхуэжауэ, ныхуопӏащӏэ

И куэбжэм фӏыуэ илъагъу пщащэм;

Щхьэгъубжэ нэхум бгъэдокӏуатэ,

Зелъатэу игу, зэщӏодэӏукӏ.

Уэрэд щхьэгъубжэм къыдоӏукӏ:

Мазэр и закъуэу

Уэгум щозэш.

Зауэм ӏухьэну

Щауэр ежьащ.

Фочыр щӏалэщӏэм еузэд,

Пщащэр епсалъэу бгъэдэтщ:

“Си щауэ, сыт щыгъуи

Гъэлъагъуэ уи лӏыгъэр,

Ди Тхьэшхуэм щыгугъи,

Хуэпэж лъагъуныгъэм!

Уэгу къащхъуэм къехъумэ

Гухэлъым хуэпэжыр,

И мыгъуэр игу къэкӏым,

Къару къыхохьэжыр.

Гухэлъым хуэпэжыр

И закъуэ яукӏкъым:

Ар зауэм хэкӏуадэм,

И мыгъуэр йолӏыкӏыр.

Гухэлъым епцӏыжри

Къэрабгъэри зыщи,

Хэкӏуадэм апхуэдэр -

Игу щӏэгъуркъым зыми.

Уэшх хуабэм уӏэгъэр

Хуитхьэщӏкъым апхуэдэм,

Тетӏысхьэркъым къуаргъи

Апхуэдэм и хьэдэм”.

Мазэр и закъуэу

Уэгум щозэш.

Зауэм ӏухьэну

Щауэр ежьащ…

Аргуэру, и щхьэр къыфӏэхуауэ,

Хьэрун кӏыфӏыгъэм ныхохьэж,

Арщхьэкӏэ здэкӏуэр имыщӏэж.

Къыбгъэдохутэ щалъхуа унэм.

Икӏуэдыкӏащи и гум шынэр,

Гугъапӏэу хъуар къощӏэрэщӏэж.

Пӏейтейуэ доплъ бжэ дамэдазэм,

Къылъыхъуэу нэкӏэ псэм и гъуазэр.

И анэр исщ гъэшауэ пӏэкум,

Нэр тримых абы бжэщхьэӏум,

Къытригъэзэжу Тхьэм йолъэӏур

Къыхуихьыжыну, зы хьэмыщӏу,

И щӏэлъэныкъуэ, и бынищыр!..

Дохьэж акъужьыр хьэрэкъуакӏэ,

Къэкӏуэну псалъэм щышынауэ.

Щытщ щӏалэр, игу къызэфӏэнауэ.

Елъэщӏри нэпсыр, щэхуу маджэ:

“Къысхуэщӏыт ӏэплӏэ, сянэ дыщэ.

Сыкъелщ си закъуи урыс ӏэщэм,

Сыкъэкӏуэжащ, узгъэфӏэжыну,

Хъум плъэмыкӏыж - узесхьэжыну!..”

Тхьэм елъэӏу макъыр зэпыуащ,

Плӏанэпэм упщӏэ къыщыӏуащ,

Иригъэубыду уи гур щӏыӏэм:

“Уи къуэшхэр, уядэр дэнэ щыӏэ?!”

“Щатащ зауапӏэ губгъуэм я псэр”.

“Пщӏэжакъэ уилъ, лӏым зэрихабзэу?”

“Къэнар си закъуэт, сыхэкӏуадэм -

Ди адэжь лъапсэр хъунут нэщӏ.

Сыкъэкӏуэжащ, сытежу лъатэм,

Бдэзгъэпсынщӏэну уи гухэщӏ!”

“Зэтепӏэ уи жьэр, насыпыншэ,

Уи псалъэ къэскӏэ гум тохьэлъэ.

Щхьэ умылӏарэ лӏыгъэ пхэлъу?

Хьэрэмщ узэзгъэфа быдзышэр.

Сыноджэфынкъым афӏэкӏ къуэкӏэ,

Си жьыщхьэр згъэпудынкъым уэркӏэ!..”

Жиӏакъым зы абы нэмыщӏ.

Хьэрун жэбзащ, идзыжкъым ныбжь,

Зэхехыр и гур къызэреуэр.

Апхуэдэу, щыблэр уа нэужь,

Щым мэхъу дунейр, уигъэгужьейуэ.

Хьэрун бжэщхьэӏум йобэкъуэж,

Кӏыфӏыгъэ псыӏэм ныхохьэж.

Гъуэгущхьэм шынэр къыщыпоплъэ,

Хьэ щэхурыпхъуэу нэм къыщӏоплъэ.

Пэплъащ Хьэрун иджыри тӏэкӏурэ,

Арщхьэкӏэ жэщым дэгъуэгурыкӏуэм

Фӏэкӏа зы макъи зэхимыхт,

Бжэр анэ дыщэм къыӏуимыхт,

Къыкӏэлъымыджэт, щӏегъуэжауэ.

Хьэрун игу къекӏуэрт, щхьэр и жагъуэт.

Къыӏуигъэзыкӏри - кӏэрэхъуащ.

И къамэ ӏэпщэм ар епхъуащ…

Пщэдджыжьым жьыуэ щӏэкӏа анэр

И къуэм и хьэдэм жьэхэуащ.

Гухэщӏыр псыдзэу къыщӏэуащ,

Ирихьэкӏащ итӏани и нэр.

Ебзейуэ хьэхэр и уӏэгъэм,

Сабийхэр башкӏэ кӏэщӏэӏэбэу,

Къыщымэхъашэу зэрыкъуажэу,

Илъащ утыкум хьэдэ къуаншэр,

Лӏыжь гуэрым пщӏантӏэм къыдишыху,

Щӏыпӏэ бгынам щыщӏилъхьэжыху.

Кӏуэрыкӏуэсэжым и хъыбарым

Зэлъищӏэсащ адыгэ хэкур,

Яӏуэтэжыхукӏэ ягъэбагъуэу.

Езым и ныбжьыр джабэ нэкӏум

Жэщкӏэ гъуэгурыкӏуэхэм щалъагъур.

Ар щэхуу куэдым я щхьэгъубжэм

Пщэдджыжь нэмэзым къытоуӏуэ.

Къыщӏэмыхьэн хуӏупхкӏэ уи бжэр,

Дунейм темыт зыбгъэдэувыӏэ.

Псом хуэмыдэжу къурӏэныбзэм

Щышынэу жаӏэ абы и псэр.

Зэрызэхихыу - зричынущ,

Ещхьу зауапӏэм къикӏуэсыкӏым…