Къуртӏ щаитӏ

Матӏу ӏуэхугъуитӏкӏэ цӏэрыӏуэт: махъсымафэшхуэт, гушыӏэрейт.

Зы бадзэуэгъуэ махуэ гуэрым Матӏу бэзэрым кӏуауэ тетт. Сату ищӏу здэщытым зы хъыджэбз цӏыкӏу блэкӏырт:

– Махъсымэ!.. Махъсымэ!.. Пщӏыпщӏыжу махъсымэ бэлыхь хэт ефэн? – жиӏэрэ кӏийуэ.

– Ей, цӏыкӏуэ, уи махъсымэм дапщэ жыпӏэрэ? – щӏэупщӏащ Матӏу.

– Крушкӏэ – щаитӏ, дадэ!

– Нтӏэ, тӏыкӏуэ, ауэ думыгъэщӏ: къуртӏ къэс щаитӏ уэстынщ, зэрыкхъуэщыну сегафэ! – жиӏащ лӏыжьым.

Хъыджэбз цӏыкӏур гуфӏащ:

– Тхьэ, содэм, дадэ! – жиӏэри.

Матӏу ӏэ лъэныкъуэ кхъуэщыныр жьэдиубыдауэ йокъу «къуртӏ» лъэпкъи къэӏуркъым. Хъыджэбз цӏыкӏум и нэр триубыдауэ лӏыжьым и къурмакъей дыдэм йоплъ. Апхуэдэурэ Матӏу кхъуэщыныр щигъэщӏеижыпэм зэзакъуэ «къуррртӏ» жригъэӏащ.

Хъыджэбз цӏыкӏур махъсымэм и кӏэм щиплъэм:

– Теурэзыр къыхукӏуэ апхуэдэ къуртӏ! – жиӏэри къэнэщхъеящ.

– Умыгузавэ, цӏыкӏуэ! Сэ сыбдэгушыӏауэ аращ. Апхуэдэ напэтех сабийхэм иращӏэ хабзэ? Мэ уи ахъшэр! – Матӏу махъсымэ уасэм щӏигъуу иритащ.