Едзыгъуэхэр

Зэзакъуэ дэуеяти мэлым и кӏэр,

Бжэныр зэрылъэлъу дыхьэшхащ:

«Уэ-хьэхь! Модэ, мо гъуамэр зэрыпкӏэ,

Ӏэщ лъэпкъым ди напэжьыр трихащ!»

***

Дунейр хуэныкъуэти зы хьэсы,

Алыхьталэм уэ укъыдитащ.

Уримыуасэми апэсы,

Нэпсеягъэм цӏэрыӏуэ уищӏащ.

***

Ней-нэфӏкӏэ къулыкъу тӏэкӏу къуатащи,

Уи ӏумэтым итхэр уогъэгъуэг, —

Ху цӏыкӏуитӏ зэгъусэу уи джийм ехащи,

Пщагъэ пшхам хуэдэу, зогъэбэг.

***

Къыхэщӏыкӏауэ уи напэм

Сэ сиӏатэмэ вакъитӏ,

Схуэмыгъэлажьэу, — си гуапэу! —

Сыпсэухукӏэ срикъунт.

***

Игъащӏэми сщӏакъым зэхэгъэж:

Ухэт? — Сэ абы зыри тезмыщӏыхь.

Гу къабзэ уиӏэу уцӏыху пэж? —

Узикъуэшщ: сыпсэуху сэ пхуэсщӏынущ щӏыхь!

***

Уо, гъащӏэ, сыткӏэ уигу сэ къызэбгъа,

Дэнэ си щӏалэгъуэр здэпхьар?

Слӏожь, ӏэфӏагъым гу щысхуауэ уи гугъа?

Сыт сигу лъащӏэм жьыгъэр къыщӏиплъхьар?

***

Уо, цӏыху дыщэ, зыри сэ уэ пхуэзмыщӏэфами,

Сропагэ зым: гуапэу сэлам узохыф.

Уэри дыщэ таж сэ къысхуумыгъэжами,

Сэркӏэ дэрэжэгъуэщ: пэжу дунейм тетыф!

***

Сощӏэ, сэ нэхъ лӏыфӏ ӏэджи дунейм ехыжащ,

Ауэ здихьакъым хьэдрыхэ зыми мастэ.

Зэтупӏэм напӏэр, фӏыгъуэ псори къэнэжащ, —

Аращ цӏыхухэм гуапагъэкӏэ сэ сащӏетэр.

***

Ямыщӏэу хы къэукъубеям хэхуами,

Хэт зымыщӏэр цӏыху ӏэджэ къызэрелар?

Ауэ фадэм лъапэ хамышиями,

Цӏыху дапщэ игъуэ нэмысу итхьэла?

***

Уо, си ныбжьэгъу, уфэндырэщ уэ ефэгъуэм,

Цӏыхугъэ нэсми дахащэу утопсэлъыхь.

Ауэ еубыдыжри уи бзэр ахъшэ тыгъуэм,

Ӏуэхур зэфӏэкӏыху — уи жыпхэм уопэщэщыхь.

***

Уи жагъуэгъу е къытепсыхакӏэ,

Угуфӏэу хыумытӏэ ислъэмей.

Егупсысыжыт гу зэӏухакӏэ:

Къыпщыщӏынур пщӏэжрэ уэ пщэдей?

***

«Сылъэщщ! — жыпӏэу фадэм зумыпщыт,

Ущӏегъуэжынкъым — нэхъ пэӏэщӏэу щыт.

Армыракъэ — уищӏынщ уэ ауан, —

Текӏуэфакъым абы зы пелуан.

Лэжьэгъуэм уи джабэр боубыдыжри

Гызыжу уэ зыкъытогъахуэ,

Ауэ ефэгъуэм занщӏэу уохъужри,

Сыт къыпхуашийми ибогъахъуэ.

***

Уи щӏыхь бгъэлъэгэну угугъэу,

Си къуэш, зэи жьантӏэм уафӏемыкъу.

Солъэӏу, зыхэгъэлъ мыр ӏущыгъэу:

Пхуэфащэми, тӏэкӏу зэгъэныкъуэкъу.

***

Уо, къулыкъу, сыту убзаджэ-тӏэ!

Цӏыху акъылыншэр щогъэкӏыф.

Уо, къулыкъу, сыту уӏущыщэ-тӏэ,

Цӏыху ӏэдэбыр и пӏэм къонэжыф.

***

Уо, си гъащӏэ, сэ зыкъысфӏэщӏыжмэ,

Сыкъыжьэдэкъуэ, гущӏэгъуншэу уэ сыужьыгу!

Си щыуагъэр уэ зыхэзбгъэщӏэжмэ,

Сыпсэухукӏэ ӏэфӏу пхуилъынщ ар сигу.

***

Апхуэдизкӏэ уэ уӏупэцабэщи,

Джэдыкӏэ кугъуэм цы къыхыбох.

Ауэ апхуэдизкӏэ уэ угъуамэщи,

Удзбамэ гуащӏи къыпкӏэрех.

***

Хьэщӏэм хъугъуэфӏыгъуэ хузэблэпхми,

Унэщхъыцэм, — псори кӏуэдыжащ.

Ауэ ӏэнэ нэщӏым бгъэдэбгъэсми,

Унэщхъыфӏэмэ, — бгъэтхъэжащ.

***

Уо, хъыджэбз, щагуэшым щыгъуэ дахагъэр,

Уэрати нэхъ ӏыхьэфӏыр зылъысар!..

Ауэ щытрагуэшэжым ӏэдэбагъыр,

Дэнэ къуагъ, гущэт, уэ уздыкъуэсар?

***

Псоми дзы яфӏэпщу къоджэдыхьри,

Уи щхьэ нэхъ лъагэу уи гугъэжщ.

Сигу ныпщӏогъур пщӏэншэу гугъу зогъэхьри,

Кхъыӏэ, хъунум, гъуджэм зэ иплъэж!

***

«Уо, сэ схуэдэ хэт щыӏэ?» — жыпӏэу

Уопсэу, ныбжьэгъу, уи щхьэр гъэкӏауэ.

Щхьэ зыкъыпфӏэщӏыжрэ апхуэдэу, —

Уэ сытым ущыщ, цӏыху нэсым елъытауэ?

КЪЭРАБГЪЭ

Къыпхуэзамэ, и дзэлыфэр пхуетӏ, —

«Гухэлъ ӏэфӏкӏэ» ар къопсалъэ.

Уи щӏыбагъкӏэ мащэ щетӏ, —

Игукӏэ джатэр пхуегъэдалъэ.

ГУЩӀЭГЪУНШЭ

И нэм щӏэхуэмэ нэбжьыц,

Ар къыпоплъэ уи гущӏэгъу,

Къыфӏэӏуэхукъым езым зыц,

Ууейм щӏэлъу щытми бжэгъу.

ЕФЭРЕЙ

Аркъэ птулъкӏэр илъэгъуху,

Къепхъуатэ гужьеяуэ,

И анэм и бгъафэм щӏэлъыху,

Зэфа быдзышэр ара щыхъуауэ.

ХЬЭЛЭЛ

Бынхэм щӏакхъуэ щахуищэхукӏэ,

Кӏэпӏейкӏэ кӏапэр пекъузыкӏ.

Ауэ фадэ илъэгъухукӏэ,

Ахъшэу ӏэщӏэлъыр ирегъэкӏ.

ХЬЭГЪАПХЪЭ

Ткӏуэпс уэшхыу къытеткӏуамэ,

Псыдзэ къыщӏэуауэ къыщохъуж.

Уафэр хъуэпскӏыу илъэгъуамэ,

Дунейр мафӏэм хисхьэу тхьэ щеӏуэж.

***

Си ныбжьэгъу, гуапагъкӏэ сигу укъыдэмыхьэфми,

Сынолъэӏу: къысхуумыщӏ лъакъуэпцӏырауэ.

Итӏанэ, дыщэкӏэ ущӏэзмыгъанэжыфми,

Сыпсэуху сэ пхуэсщӏынкъым гукъеяуэ.

***

Ӏуэхуфӏ длэжьын ди гугъэжу,

Къохъур куэдрэ дыщежажьэ,

Ауэ, ди щхьэм дигу ебгъэжу,

Къыщыхэтхи щыӏэщ лажьэ.

***

Ныбжьэгъуфӏыр анэкъилъху пэлъытэщ.

Уныбжьэгъуншэ? — Удамэншэ тхьэрыкъуэщ!

Ауэ щхьэгъусэ пэж нэхъ ныбжьэгъу лъэщ.

Мы дунейм темыткӏэ сэ си тхьэрыӏуэщ!

***

Дыгъуасэ цӏэм уишхыу уфакъырэти,

Уэ улъаӏуэрт: «Цӏыхухэ! Гущӏэгъу къысхуэфщӏ!»

Иджы хуитӏ зэгъусэу уи джийм ехати,

«Фу-у, цӏыхумэ!» – жори уэ ӏупщӏэ уощӏ.

***

Сыщефэкӏэ мащӏэу сегъэжанри,

Къысщохъур фадэр фоупс.

Иужькӏэ пкъыуэу сыкъегъанэри,

Сигу щокӏыр, слъагъумэ зы ткӏуэпс.

***

Солъагъу, хъыджэбз, уэ утхьэӏухудщ.

Ауэ пхузощӏ зы дагъуэ:

Ухьэлыншэщи, абы уегъэпуд.

Кхъыӏэ, умыщӏ уи жагъуэ!

***

Сэ сокӏуэ сытету гъащӏэ гъуэгум,

Нэхъуеиншэу куэдрэ сыкъызоплъэкӏыж.

Лъэбакъуэ пхэнж счым хуэшэчкъым сигуми,

Си лъэужьыр дахэу зызогъэзахуэж.

***

Зы фӏы гуэр уэ къохъулӏамэ,

Зэлъэкъуауэу ар къомэх!

Уи насыпым ипкъ щӏэлӏамэ,

Лӏамэ щытми, къохъуж щӏэх!

***

Си къуэш! Псалъэр мэл ӏэрыпӏкъым,

Бутӏыпщакъэ – пхуэубыдыжкъым.

Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӏыс,

Уэ пхуэдэ цӏыхум хуэщӏ нэмыс!

***

«Псэхэх!» – жаӏэм, куэдым я щхьэфэц мэтэдж.

Ауэ сэ абы хуабжьу сыхуарэзыщ.

Къыӏихкъым ӏулъхьэ, зыми хуищӏкъым ӏулыдж.

Хэти и зэхуэдэу ӏуэху зезыхьэр а зырщ.

Щ. Дж.

Жэщ мазэгъуэм вагъуэиж сэ слъэгъуху,

Ууей сфӏэщӏу, си щхьэфэцыр мэтэдж:

Шыгъушыпсыпӏэм сэ сыхэлъу согъэщ нэху,

Къысщохъу зыгуэр си гум сэкӏэ къепыдж.

А. К.

Пщащэ тхьэӏухуд! "Лӏыщхьэщ!" – жыпӏэщ, зебдзри,

Уэ уи адэм и ныбжь гуфӏэжу удэкӏуащ.

Ауэ ар щӏэх дыдэ хьинтӏрэу щхьэпрадзри,

Лӏыжьыр къулыкъум и фэеплъу къыпхуэнащ!

***

Зэгуэр зэуэ си уахътыр къэсынщи,

Сэри зы къуэладжэ сыдадзэжынщ.

Нэхъ иужькӏэ ягу сыкъэкӏыжынщи,

Цӏыху гущӏэгъулыхэм сыкъыдахыжынщ.

***

«Жьы хъуащ, дзэ ӏутыжкъым» – жыпӏэу,

Хьэ жейм и кӏэм утемыувэ,

Хьэр – хьэщ! А зы напӏэзыпӏэм

Дыгъужь мэсхьэбым йоувэ.

***

Уи къуэш делэм дыщэ жыг хухэпсам,

Зэгуэр екӏэ уяужь къихьэжынщ.

Хамэ губзыгъэ зы мэскъал хуэпщӏам,

И псэр пытыхукӏэ укъигъэпэжынщ.

***

Фыз хьэгъапхъэм лӏы игъэжэкъуам,

Алыхь зэрыщыӏэр ищӏэжкъым.

И щхьэгъусэм: «Пыӏэ къэхь!» – жиӏам,

Щхьэр имыхьауэ унэм кӏуэжкъым.

***

Куэду симыӏатэмэ хьэрхуэрэгъу,

Си гъащӏэр купщӏэншэу къэнэнт.

Зыхуэзмыщӏатэм Хайям ныбжьэгъу,

Си усэр дамэншэт: дауэ лъэтэнт?

***

Сэ, дамэ къыстекӏауэ, солъатэ!

Фэ фщӏэрэ, цӏыху дыщэхэ, къэхъуар?

Лагъым зэрихьэжкъым зы кхъухьлъатэ!

Арщ ныжэбэ пщӏыхьэпӏэу слъэгъуар!

***

Сэ псы есыкӏэ сымыщӏэми,

Уэр щхьэкӏэ тенджызым зыхэздзэнщ.

Мафӏэс сыщошынэ сэ игъащӏэми,

Ауэ си псэр мафӏэм пэрыздзэнщ.

***

Си хъыджэбз! Уэ уи гъащӏэм и дахэгъуэщ,

Уэ узэфэну псым и къэжэгъуэщ.

Ауэ сакъ: уэ нащхьэ къыпхуэзыщӏ щӏалэ псор

Уи мыгугъэж, си тӏасэ, уэрауэ щӏэпсэур!

***

Къыщӏэмыщу и щхьэ закъуэм фӏэкӏа,

Лӏым и фызыр дыщэ самэм хигъэтӏысхьащ.

«Е, теурэз хъун! Си щхьэр щхьэ къэбгъэна?» –

Кӏий-гуоуэ фыз нэпсейр лӏы лажьэншэм щыхьащ.

***

Иджыпсту уэ уи хьэмтетыгъуэщи,

Уэгуми щӏыгуми уихуэжыркъым.

Апхуэдизкӏэ дунейр уи щӏэщыгъуэщи,

Хьэмтет узыщӏахэр пщӏэжыркъым.

***

«Зи хущхьэ хъум и бзущ!»

Хэт ар? Курых ӏужажэщ.

Унафэщӏым и шыд кӏылущ,

«Кӏуэ!» – жыхуиӏэм хьэмкӏэу мажэ.

***

«Сылӏэнущ!» – жоӏэри уэ уогужьей,

Уэ балигъ узэрыхъурэ ар богъей.

Улӏкъэ уэ? Щхьэ апхуэдэу ухуэмыху?

Тхьэ соӏуэ, умылӏэну упсэуху!

***

Мы дунейм теткъым нэхъ жэнэт

Уи ӏэпкълъэпкъыр зыгуэр хуэлӏэу пӏуэтэжын!

Напӏэзыпӏэм гухэхъуэгъуэ къует,

Пфӏегъэщӏ игъащӏэкӏэ умылӏэжын!

***

Е ди Тхьэ! Сыту гъэщӏэгъуэн мы ди гъащӏэр?

Сыту пӏэрэ апхуэдизу ар щӏэмащӏэр?

«Ӏущ дыхъуащ, псэун щӏэддзащ!» – щыжытӏэм дунейм дохыж.

Гу зыщыдмыхуа гухэхъуэгъуэм сэлам идохыж.

***

Цӏыхум иӏэщ, си къуэш, зы тхъэгъуэ,

Ар гъащӏэм и курых щӏалэгъуэрщ.

Ди насыпти а ныбжьым дапщэщи дитам,

Илъэсищэ къудей нэхъ мыхъуми дыпсэуам!

***

Алыхьталэм гущӏэгъу къытхуещӏри,

Дигъэпсэуну дунейм дыкъытрегъэхьэ.

Тлъэкӏыхукӏэ дызыхуегъэлӏыщӏэри,

Ажалыр дэ ди ужьым къреутӏыпщхьэ.

***

Игъащӏэм уи ныбжьэгъум утелажьэми,

Зэ бгъэщӏэхъуакъэ – псори лъэлъэжащ.

Абы къуэш хуэдэу уэ уриӏами,

Напӏэзыпӏэм бий кӏэуфӏыцӏ къыпхуэхъужащ.

***

Щӏымахуэр къызэрихьэххэу хьэм зечэтхъэж:

«Ӏэмал имыӏэу сэ гъэмахуэм унэ сщӏынщ!»

Ауэ гъэмахуэ зэрытехьэу ар щӏогъуэж:

«Мы хуабэвэхым унэ си щхьэфэ ездзын?»

***

Нэ фӏыцӏитӏ! Зэзакъуэщ сэ фэ сызэрыфӏуплъар!

Итӏани сыт апхуэдизу си псэр щӏэфтхьэкъуар?

Жэщкӏэ си пщӏыхьэпӏэм фыхэтщи – сывгъэжейркъым,

Махуэкӏэ си нэгу фыщӏэтщи – сывгъэпсэхуркъым.

***

Зи бзэкӏэ уэрэд зыхужамыӏэм,

Хамэбзэкӏэ уэрэд жиӏэн ерыщщ.

А уэрэджыӏакӏуэм макъ имыӏэр

Хамэбзэм ищӏ къыщохъу нэхъ лъэщ.

***

Зы цӏыхум фӏэӏеижщ адрейр,

Адрейм къыщохъу нэхъ ӏеиж модрейр.

Апхуэдэщ зэрытхьыр дунейр,

Хэти нэхъ фӏэфӏщ лъагэху и лъэуейр.

***

Игъащӏэми жаӏэ: «Дунейр хьэхущ!»

Ар пэжкъым. Хьэху ухуеймэ, – дэ дыхьэхущ.

Дунейр бысымщи и пӏэм къонэж,

Дэ дыхьэщӏэщи ди «унэм» докӏуэж.

***

Дуней насыпыр уэ тхьэм къуитами,

Угуфӏэу хыумытӏэ ислъэмей!

Насыпыншагъэр къыптепсыхами,

Умыгужьей! Пэплъэ уи пщэдейм!

***

– Си къуэш! Дыщэкӏэ ущӀэзгъэнэн?

– Сыт сэ дыщэ зэрызбгъэщӏынур?

– Нтӏэ дуней мылъкур убгъэдэслъхьэн?

– Хьэуэ! Узыншагъэ! Аращ къысхуэпщӏэнур!

***

Хэт хъыджэбз къамылыфэм дехьэх,

Хэти пщащэ сырыху илъагъуху къомэх.

Ауэ сэ си щхьэм къыхухызох

Хъыджэбз… лӏы напэр тезымых!

***

Ныбжьэгъу! Уэ цӏыху псори щӏакӏэу тхьэ щоӏуэж,

Уи япэ къалъхуахэми уахуопсэлъэж.

Нтӏэ уэ зыр уфӏу дэнэ укъикӏа?

Уэрмырауэ пӏэрэ икӏэу къытхэкӏар?

***

Дэ дызытет дунейр театр абрагъуэщ,

Дунейм щыпсэу цӏыхуу хъуари артист дэгъуэщ.

Ахэр щхьэж зэрыхузэфӏэкӏыу мэджэгу,

Дэ ди гъащӏэр къощыр а псом я нэгу!

***

Бампӏэ уиӏэр иумыгъэфыхь,

Уи бийрами хуэӏуатэ.

Абы щхьэкӏэ лъахъшэ хъункъым уи щӏыхь,

Уеблэмэ гупсэхугъуэ тыбогъуатэ.

***

Зым адрейр фӏэауаныжщи,

Абыкӏэ ди щхьэр догъэфӏыж.

Зым адрейр фӏэкъулейщи,

Абы щхьэкӏэ зыдошхыхьыж.

***

Лӏы хуэдэ лӏыр шыд бгъэшэсми,

Алъп къыпщигъэхъуу къопсыхыж,

Лӏы хуэмыхур алъп тесами,

Шыр зэретхауэу къохуэхыж.

***

Дэ ӏэджэрэ долъагъу шыд шхэуэ,

Абы тхылъымпӏэжь нэгъунэ егъэкӏуэщӏ.

Ауэ иджыщ щытлъагъур шыд тхэуэ!

Алыхьталэм насып къытхудигъакӏуэ!

***

Сэ цӏыху ӏущ сыхуэза нэужь,

Сылъэтэным хуэдэу согуфӏэ!

Си щхьэм и къэухьым зеужь,

Хэпщӏыкӏыу сохъу нэхъ акъылыфӏэ!

***

«Фо зезыхьэ и ӏэпэ йобзей»,

Нтӏэ абы щхьэ къутэжын дунейр?

Хамэ ӏэпэ пыпшхыкӏмэщ нэхъ ӏейр,

Хьэкъыу пщӏэж пэтми узэримейр!

***

Уэрэ сэрэ дызэхуэзэху,

Ди нэ цӏыкӏухэр зыхудогъэджэгу.

Ауэ тхьэм ещӏэ зэрыхъун ди ӏуэху, –

Лъагъуныгъэкӏэ думыгъэджэгу.

***

Ер вы бжьакъуэм имылъамэ,

Гуауэ нэпс къикӏынт?

Зэбий дунейм темытамэ,

Гъыбзэр тхыдэм хэкӏуэдэжынт.

***

«Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкӏэ малӏэ!»

Ар нэсауэ адыгэ псалъэжьщ.

Ауэ плъэгъуа пщафӏэ мэжалӏэ?

Пэжкъэ а жысӏэр, си ныбжьэгъужь?

***

Уэ укъызэралъхурэ усэ ботх,

Абы къыщӏэпх уасэр бжьапцӏэу бошх!

Ауэ дапщэщ ущыхъунур уэ усакӏуэ?

Щхьэ и гум хагъуэ хебгъэдза уи еджакӏуэм?

***

Си щӏалэ! Уэ иджыпсту уи щӏалэгъуэщ,

Уи дахэгъуэщ.

Ауэ уэ иджыри ухуэзакъым гунацэ:

Гуэгушыхъу цыджауэ зогъэбэлацэ!