Сэ си ӏыхьэр ирегъ, уэ уи ӏыхьэр ухуеймэ щӏэупскӏэ
Хъуэжэрэ и фызымрэ жейуэ жэщым зыдыхэлъым, я сабийр къыхэгъыкӏащ.
Хъуэжэ и фызыр хуэмыху гуэрти, къэтэджын щхьэхри и лӏым ӏэфракӏэкӏэ кӏуэцӏыуащ:
– Тэджи щӏэупскӏэ, уэри уи ӏыхьэ хэлъщ сабийм, – жиӏэри.
Хъуэжэ, мэз щыӏауэ, ешаелӏауэ арати, къэтэджын и жагъуэт.
– Сэ си ӏыхьэр ирегъ, уэ уи ӏыхьэр ухуеймэ щӏэупскӏэ, – жиӏэри Хъуэжэ зигъазэри жеижащ.