Истамбыл гъуэгу

Уо, си адэжь пщӏантӏэ гущэм шыгур щызэщӏащӏэ,

Си гущӏэм къыщӏитхъыурэ хэкур дагъэбгынэ.

Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо.

Уо, Истамбыл гъуэгу гущэри, уей, ар нашэкъашэщи,

Си къэшэну дахэри жылэм къыдэзнауэ,

Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо.

Уо, си шыпхъу нэхъыщӏэ гущэр зэрыщхьэц барини,

Ди деж зэрыбынурэ сэ къыскӏэрыщӏауэ.

Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо.

Адыгэжь бэракъ гущэри, уей, жьыбгъэм зэрехьэ,

Ди деж я хъыбархэри хэт дэ къытхуихьыну?

Уо! Истамбылым дашэ мыгъуэри, уо.