Унафэ дахэ

Я ӏэхъушэр хъупӏэм траутӏыпщхьауэ ӏэхъуитӏ гъуэгу ӏуфэм деж ӏуст. Ӏэхъуитӏым языр лӏыжьт, адрейр щӏалэ зи къэшэгъуэт.

Зыкърахыу гъуэгум кърикӏуэ цӏыхубзитӏыр лӏыжь гушыӏэрейм щилъагъум:

– Ало-о-уэхь!.. Мо къакӏуитӏым зэрызагъэтӏей!.. Нэхъыжьыр сысейщ, нэхъыщӏэр ууейщ! – жриӏащ щӏалэм.

Къэсмэ – ӏэхъуэ лӏыжьым и фызымрэ и пхъумрэ хьэщӏапӏэ щыӏауэ къэкӏуэжу арат. Апхуэдэу къыщыщӏэкӏым, лӏыжьым зиущэхужащ. Ауэ хъыджэбз дахэр щилъагъум нэхъри къэбырсея щӏалэм:

– Уо, ди нэхъыжьыфӏ, лӏыр жиӏам епцӏыж хабзэкъым: унафэ дахэ пщӏар и кӏэм щхьэ нумыгъэсарэ? – жиӏащ.