Жэуап

Хьэмидрэ Мэжидрэ жери зэныбжьэгъу щӏалитӏ зэгъунэгъуу псэурт. Тӏури зэхуэдэу къулейсызт.

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым гъуэлъыжауэ хэлъ Хьэмид деж Мэжид къекӏуэкӏащ:

– Зэрахъэхэ хьэщӏэ къахуэкӏуауэ джэгушхуэ яӏэщи, дыгъакӏуэ! – жиӏэри.

– Ар хъарзынэт, си ныбжьэгъужь, – жэуап итыжащ Хьэмид. – Ауэ сыт щыстӏэгъэн? Нобэ мэкъушэ сыздэкӏуам уэшхым сыхиубыдэри си щыгъын тӏэкӏур псыф хъуауэ ди анэм ежьыщӏ. Мы пӏэм сызэрыхэлъ гъуэншэджыжь закъуэм фӏэкӏа гъущэу зыри сиӏэкъым.

Мэжид тӏэкӏурэ хэплъащ. Итӏанэ:

– Сэ зы къэпталыжь лейуэ сиӏэщи, уэстынщ. Абы уи цеижьыр къытегъэлъадэ, уи лъеижьитӏыр къыфӏэлъхьэжи зыри къыщӏэщынукъым, – жиӏащ Мэжид.

Хьэмид апхуэдэу ищӏри зэныбжьэгъуитӏыр джэгу кӏуащ. Зы пхъужь мыцӏыху гуэр я пшынауэу джэгур и гуащӏэгъуэу екӏуэкӏырт. Хьэмид занщӏэу гу лъитащ пхъужь пшынауэм зэрызыхишым, зэрызигъэтӏейм, зэрыдэпсэлъейм.

Хьэмид пшынауэр къыдишщ, къигъафэри дигъэхьэжащ. Абы хэту пхъужьыр зэкӏуэцӏылъэлъу дыхьэшхащ:

– Къуэшхьэблэ щӏалэр ислъэмейм къыдэзгъэфащ! – жиӏэри.

Хьэмид пхъужь пшынауэм екӏуэталӏэщ, и цеикӏэр зэтригъэкӏуэтри:

– Уэлэхьи, пшынауэ хьэщӏэ, сэри мы си гъуэншэдж щӏагъщӏэлъыжьым укъыдэзгъэфам! – жэуапу иритыжащ.