Хъуэжэ и кӏий макъыр уэрэд зэрищӏыжар

Хъуэжэ джэгум къыщӏэкӏыжауэ зы уэрам кӏыфӏ гуэрымкӏэ къырикӏуэжырт. Ар бэлэрыгъауэ бжыхь лъабжьэмкӏэ къыздрикӏуэжым зы хьэ гуэр пабжьэм къыхэцӏэфтри и цеикӏэм къепхъуэри блэжащ. Хъуэжэ абы къигъащтэри и къарум къызэрихькӏэ «Уа-а-а!» – жиӏэу, кӏийуэ щӏидзащ.

Хъуэжэ и кӏий макъыр мыужьыхыж щӏыкӏэ, дыхьэшх макъ и щӏыбагъымкӏэ къыщыӏуащ. Къеплъэкӏри къилъэгъуащ езым кӏэщӏу и ужь иту къэкӏуэж зыпылъ хъыджэбзымрэ абы и ныбжьэгъумрэ. Ахэр къызэрилъагъуу Хъуэжэ и кӏий макъ «уа-а-а-м» нэхъри зыригъэӏэтри «рау-ри-ра-рий!» – жиӏэу пигъэхуэжащ – къащтэу зэрыкӏияр уэрэд жиӏэ хуэдэу хъыджэбзхэм къафӏигъэщӏыну, икӏи зыфӏимыгъэӏуэхуу лъэбакъуэ хуабжькӏэ ежьэжащ.