Выщӏэ тхьэмыщкӏэ
Зым хуэмыфӏ хьэдрыхэ кӏуэркъым, жаӏэ игъащӏэми. Апхуэдэт Тӏэхъу лӏыжьри, ӏэщ укӏынкӏэ абы къытекӏуэ жылэ кӏыхьым дэстэкъым. Ар апхуэдэ ӏуэхукӏэ бригадирым ириджэрейт, ауэ зэи гулъытэ къыхуищӏыртэкъым. Абы щхьэкӏэ лӏыжьыр зэгуэпырт.
Зы праздник махуэ гуэру, Тӏэхъу выщӏэ иригъэукӏыну бригадирым ириджащ. Выщӏэ домбейр зэрыфӏигъэжу абы щхьэ-лъакъуэри, жьэнфэнри, фэри лъэныкъуэ иригъэзащ. А ӏуэхум щымыгъуазэ бригадирыр къыбгъэдыхьэри лӏыжьым къелъэӏуащ:
– Жьэнфэн тӏэкӏур къипхамэ, псынщӏэу тхуегъэгъажьэт, Тӏэхъу! – жиӏэри.
– Жьэнфэн дэнэ къыздибгъэкӏынур? Мыбы кӏуэцӏ лъэпкъ илъкъым! – жэуап итыжащ лӏыжьым, и фӏэщрэ гушыӏэрэ къыпхуэмыщӏэну. – Абы и закъуэкъым мы выщӏэ тхьэмыщкӏэр зыхуэныкъуэу щытар: щхьэ-лъакъуи фӏэтакъым, фэи телъакъым.
Абы иужькӏэ бригадирым Тӏэхъу зэи игъэпӏейтеижакъым.