Нэфӏыцӏэ

Шыгъуэ цӏыкӏуми и щхьэр ещӏ(ы)рэ,

Сэ хэт мыгъуэмэ зыхуэсщӏыну.

Си Нэфӏыцӏэми сытокӏуадэ мыгъуэ, уей.

Лъагъуныгъэр мыдахагъэ,

Лъагъуныгъэр мыӏеягъэ,

Си псэм ӏэфӏурэ уилъэгъуащ иджы, уей.

Пшынэ макъыр гум сфӏыхохьэ,

Псэм хыхьауэ лъагъуныгъэр

Уэ пхуэсщӏатэкъэ, си Нэфӏыцӏэ жи, уей.

Бэлътоку кӏапэр хызодыкӏыр,

Си нэпситӏ(ы)ри къысфӏыщӏэкӏыурэ,

Си Нэфӏыцӏэр спагъэкӏащ иджы, уей.

Услъагъуну си нэр къокӏыр,

Услъэгъуами си фэр покӏыр,

Сыптолӏапэри, си Нэфӏыцӏэ жи, уей.

Сыкъыщӏокӏри мазэм соплъри,

Сыщӏохьэжри согъуэлъыжыр,

Семызэгъыурэ нэху согъэщ иджы, уей.

Си Нэфӏыцӏэри яфӏэдахэкъым,

Щӏалэ дахэри зыми ядэкъым,

Псэм фӏэӏэфӏыр нэм фӏэдахэщ жи, уей.

Сыдоплъейри вагъуэр собжыр,

Щӏалэу щыӏэр зэпэзвгъэбжи,

Си Нэфӏыцӏэри къыслъывгъэс мыгъуэ, уей.