Къовырывыкӏ

Гуащэ фызабэ гуэрым пхъуищ иӏэт. Щыри акъмыкът, бзэгурэфт. Ауэ я теплъэкӏэ ӏейтэкъым. Щыри, я дэкӏуэгъуэ зэрыхъурэ ӏэджэ щӏа пэтми, къыдэнэжауэ дэст.

Апхуэдэу екӏуэкӏыурэ, зэгуэрым хъыджэбзищым я деж щӏалищ хъыджэбзаплъэ къэкӏуащ. Хьэщӏэхэр гъэхьэщӏэн хуейтэкъэ? Хъыджэбзхэм я анэм мырамысэпс шыуан лъахъшым фӏидзащ, «Фымыпсалъэу фыщыс къэзгъэзэжыху», – жиӏэри и пхъуищым щэхуу унафэ къахуищӏри щӏэкӏащ.

Тӏэкӏу дэкӏри, псыр къэкъуалъэу хуежьащ. Нэхъыжьыр, ар щилъагъум щӏыбым щӏэгуоукӏащ:

– Нанэ, мырамысэпсыр къыдовырывыкӏ!

– Нанэ фымыпсалъэ жиӏатэӏэ, гъуамэжь! – курытыр нэхъыжьым щӏэгубжьащ.

– Алыхь, фэ делэжьитӏым фи бзэр жьубыдыфын щымыӏэ! – нэхъыщӏэр нэхъыжьитӏым ещхьэфэуащ.

Хъыджэбзищым я анэр къыщыщӏыхьэжам, щӏалищыр щӏэсыжтэкъым.