Хъуэжэ фыз къишэну зегъэхьэзыр
Хъуэжэ зы пщэдджыжь гуэрым жьыуэ къэтэджауэ унэлъащӏэр псори зэригъэдзэкӏырт: блыным фӏэлъ алэрыбгъур зэригъэдзэкӏри фӏидзэжащ, гъуэлъыпӏэри, ӏэнэри, шэнтхэри я лъакъуэр дэгъэзеяуэ игъэуващ. Ар щилъагъум и анэм къэуӏэбжьауэ жиӏащ:
– Ана, Хъуэжэ, сыт пщӏэр, делэ ухъуа?
– Хьэуэ, си анэ, делэ сыхъуауэ аракъым, ныщхьэбэ нысэ къыпхуэсшэнущи, абы зыхузогъэхьэзыр, – жыриӏащ и анэм.
– Ана, нысэ къысхуэпшэнумэ хьэпшыпхэр зэгъэдзэкӏауэ, дэгъэзеяуэ, къегъэзыхауэ гъэувын хуей тӏэ! – кӏиящ и анэр.
– А къасшэм псори къызэригъэдзэкӏынущи, абы щыгъуэ тэмэму псори я пӏэм иувэжынщ, – жиӏэри Хъуэжэ щӏэкӏащ.