Хэт зыщӏар?

Ди анэм и дыщэ бгырыпхым зы ӏунэ цӏыкӏу къипкӏауэ ислъхьэжу сыщыст. Абы хэту илъэсищэ зи ныбжь ди гъунэгъу нанэр къыщӏыхьащ. Зяужь ситыр фӏыуэ зригъэщӏа нэужь, ар къызэупщӏащ:

– А, тӏо, мы бгырыпхыр уи анэм хэт хуэзыщӏар? – жиӏэри.

Нанэ щыгъупщэхрэ жыӏэзыфӏэщрэ зэрыхъуар сигу къэкӏыжри:

– Мы бгырыпхыр, нанэ, ди анэр къыщамышэм щыгъуэ сэ хуэсщӏауэ щытащ! – жысӏэри сыдэгушыӏащ.

– То-о-бэ!.. Алыхьразэ къыпхухъуи, си тӏасэ! – жиӏэри нанэ си щхьэфэм ӏэ къыдилъащ.