Бэлэдо и фоч

«Езыр зы бжьэрэ и пащӏэр бжьиблу» жыхуаӏэм хуэдэу, Бэлэдо лӏы быхъутӏэ цӏыкӏут. Цӏыкӏу пэтми, зыхишырт, зигъэлӏышхуэрт. Цӏэрыӏуэ зищӏын папщӏэ, абы зызримыпщыт ӏуэхугъуэ къигъанэртэкъым. Ауэ ар къехъулӏэртэкъыми зэгуэпырт.

Бэлэдо езым ещхьу кӏэщӏу зы фочыжь цӏыкӏуи иӏэт. Ар пщэдджыжьым зыпщӏэхилъхьэрти, жэщ хъуху, и плӏэм идзауэ къыздрихьэкӏырт. «Уа, Бэлэдо, мы уи фоч кӏэщӏым къипхыр сыт?» – жаӏэрти абы и къуажэгъухэр куэдрэ къеупщӏырт. «Сэ зыри къисхыркъым, – жэуап яритыжырт апщӏондэху Бэлэдо. – Езым кӏакхъур зэрыщӏэпчу илъыр къолъэт».

Хэт и гугъэнт Бэлэдо а фоч кӏэщӏыжь цӏыкӏум цӏэрыӏуэ ищӏыну? Ауэ ищӏащ. Мыпхуэдэущ ари зэрыхъуар. Зы гъэмахуэ махуэ гуэрым Бэлэдо губгъуэм дэкӏарэ фочри пщӏэхэлъу мэкъу еуэрт. Махуэр егъэлеяуэ хуабэти, абы пщӏэнтӏэпсыр ирикъуэкӏырт. Апхуэдэурэ фочыр къытехьэлъэ хъуащ. Абы хэту зы шу гуэр къакӏуэу щилъагъум:

– Ей, щӏалэфӏ, кхъыӏэ, ди дежкӏэ ущыблэкӏкӏэ мы си фочыр си щхьэгъусэм схуетыж! - жиӏэри хуишиящ.

Щӏалэм фочыр ӏихри ежьэжащ. Бэлэдо пщыхьэщхьэм ешаелӏауэ кӏуэжри:

– Си фочыр къыуатыжакъэ? – жиӏэри и фызым еупщӏащ.

Кърамытыжауэ къыщыщӏэкӏым, Бэлэдо и фызыр щхьэцыкӏэкӏэ къытрилъафэри, ӏупи лъапи къыхуимыгъанэу, иубэрэжьащ.

А хъыбарыр уэ жыпӏа, сэ жысӏа? Дууэ къуажэм ятеӏуащ. Бэлэдо дунейм зэрехыжрэ ӏэджэ щӏащ, ауэ «Бэлэдо и фочу» жаӏэу абы и цӏэр къэнащ.