Багъырсей и уэрэд ("Си къуэш, си пщафӏэ")
Си къуэш, си пщафӏэ, умыбэлэрыгъ:
Шу гуп къэсащи, фӏы ягу къытхуимылъ.
Шу гуп къэсами саныпожьэ сэ,
Фӏэхъус-сэламкӏэ къытызошэ (уой).
Пцӏэгъуэплъым тесыр мэшэсыжри (уой).
- Уи къуэш, уи пщафӏэр къызэт! - жеӏэ (уой).
- Си къуэш, си пщафӏэр уэстыфынкъым (уой),
Мо си хакӏуэпщӏэр сэ узотыр! (уой).
Шым хэт хакӏуэпщӏэр уи адэ ейкъэ (уой).
Уи къуэш, уи пщафӏэр къызэт! - жеӏэр (уой).
Пцӏэгъуэплъыжьым тесым къызехулӏэ (уой) -
Шы сокум хэлъу ӏузогъэхыр (уой).
Пщӏэгъуалэм тесыр шэсыжащи (уой):
- Уи къуэш, уи пщафӏэр къызэт! - жеӏэ (уой).
- Си къуэш, си пщафӏэр уэстыфынкъым (уой),
Мо си мэл гуартэр уэ узотыр (уой)!
- А уи мэл гуартэр уи адэ егъэшхыж,
Уи къуэш, уи пщафӏэр къызэт! - жеӏэ (уой).
Пщӏэгъуалэжьым тесым къызжьэхехуэр (уой) -
Уанэгум илъу ӏузогъэхыр (уой).
Къыдырым тесыр мэшэсыжри (уой):
- Уи къуэш, уи пщафӏэр къызэт! - жеӏэ (уой).
- Си къуэш, си пщафӏэр уэстыфынкъым (уой),
Узыфӏэфӏ дыдэмкӏэ къызбгъэдыхьэ (уой)!
Къыдырыжьым тесыр къызжьэхолъэри (уой) -
Шы пщампӏэм дэлъу срехьэжьэ (уой).
- Си къуэш, си пщафӏэ, умыбэлэрыгъ,
Къыдырыжьым тесым сыпӏэщӏехыр сэ!
Си къуэш, си пщафӏэр къыпоуври (уой),
Мэлыжьым хуэдэурэ къыфӏегъэжыр (уой).