Хэт ар зымыщӏэр?

Хьэщауэрэ Къанщауэрэ зэхуэзауэ я ныбжьэгъу Алий и гугъу ящӏырт.

– Дыгъуэпшыхь Алий сыбгъэдэсати, хуабжьу къыпщытхъуат… – жиӏащ Къанщауэ.

– Е-ей, ари ар! И анэ зригъэфа быдзышэр и хьэлэлщ абы! Тхьэ щысӏуэжынщ, Алий нэхъ лӏыфӏ Къэбэрдей псом исым! Хэт ар зымыщӏэр? – жиӏэри Хьэщауэ къыпыгуфӏыкӏащ.

– Ауэ иужькӏэ ӏейуэ хьэм уригъэхьыжащ, – дыщӏигъужащ Къанщауэ.

– И-и-иӏ? Дауэ жыпӏа? Тхьэ щысӏуэжыни, езы хьэбыршыбырыжьым нэхъ лӏы цӏапӏэ Къэбэрдей псом исым, хэт ар зымыщӏэр?! – губжьащ Хьэщауэ.