Ӏейкъым, фӏыкъым

Фэри абы ӏэджэрэ гу лъыфтагъэнщ: зы лӏы закъуэм езыр къызыхэкӏа лъэпкъ псор ӏейкӏэ е фӏыкӏэ цӏэрыӏуэ щищӏ къохъу. Мис апхуэдэлӏщ Ажэжьокъуэ Тӏраш. Абы нэхърэ нэхъ щхьэхынэ уафэмрэ щӏылъэмрэ яку дэту къыщӏэкӏынкъым. Апхуэдизкӏэ щхьэхынэщи, Тӏраш и гъащӏэр мылажьэу ирехьэкӏ. Зэрылажьэм къыхэкӏыуи, къулейсызу мэпсэу.

«Дауэ ущыт, Тӏраш?» – жыпӏэрэ абы уеупщӏмэ: «Ӏейкъым, фӏыкъым!» – жи. Абы и жэуапыр къызыхэкӏым фэри гу лъыфтагъэнщ. «Ӏейкъым!» – жыхуиӏэр мылажьэу зэрыщысырщ, «фӏыкъым!» – жыхуиӏэр ӏуджэ-ӏущэу зэрыпсэурщ.

Иджы абы щхьэкӏэ, ди къуажэм щыщ гуэр ухуэзэу: «Дауэ ущыт?» – жыпӏэрэ уеупщӏмэ, ауан хэлъу жэуап къыуитыжынущ: «Ажэжьокъуэм и ӏуэхум хуэдэщ: ӏейкъым, фӏыкъым!»