Гъатхэ

Уи дыгъэпсым, щӏым тепсауэ,

Бахъэр пшагъуэу хрегъэху,

Къару пхэлъыр лъэӏэсауэ

Дэни нуру егъэунэху.

Уи ӏэфӏыгъэр зыхащӏауэ,

Япэ удзхэм зыкърах.

Гъащӏэ дахэм гу хуащӏауэ,

Жыгхэм гъагъэу зызэӏуах.

Бжэндэхъу цӏыкӏухэм, къыппежьауэ,

Уэ уэрэдыр къыпхураш.

Жырыш лъэщхэм заужьауэ,

Губгъуэ инхэм бэр щагъэш.

Дунейр махуэ бгъэбжьыфӏауэ,

Гъащӏэр дахэ нэхъри мэхъу.

Цӏыху хьэлэлхэр бгъэгуфӏауэ,

Хьэщӏэ лъапӏэм уэ къохъуэхъу.

Хъугъуэфӏыгъуэр телъэщӏауэ,

Гъатхэ лъапӏэ, пхудоӏэт,

Мамырыгъэм зыдэпщӏауэ

Гухэхъуэшхуэ дэ къыдат.

Къакӏуэ, къакӏуэ, къытхуеблагъэ,

Гуапэу, ӏэфӏу къытхуэхьэщӏэ,

Нуру ублэу уэ тхуэгъагъэ,

Розэ дахэу ди гъатхэщӏэ!