Фырэт

Фырэт лӏы зэрыдэкӏуэрэ ӏэджэ щӏат. Ауэ зыхэс унагъуэм яхэзагъэртэкъым: щэныншэти, и жьэм къыжьэдыхьэр хэти ириутӏыпщырт; бзаджэти, хьэм хуэдэу, псори зришхэкӏырт; а псом нэмыщӏыжкӏэ хуэмыхути, и зыгъазэ зы мазэт. Хэтыт апхуэдэр фӏыуэ зылъагъунур? Унагъуэм исхэр къытеплъэ хъуртэкъым.

Апхуэдэу екӏуэкӏыурэ, Фырэт нысэгъу къыхуашащ. Нысащӏэр занщӏэу Фырэт жагъуэу илъагъуащ – ар абы сыткӏи къефӏэкӏырт.

И нысэгъур къызэрашэрэ зы илъэс хуэдэ дэкӏауэ Фырэт хьэщӏапӏэ кӏуащ. Узыншагъэ хъыбарыр зэфӏэкӏа нэужь, бысымым я гъунэгъу фызыжь гуэр къеупщӏащ:

– Быну сыт уиӏэ, тӏо?

– Дыгъэщыгъэм хуэдэу щӏалэ цӏыкӏуибгъу сиӏэщ! – жэуап иритыжащ Фырэт.

– Уи нысэгъум сыт иӏэ, тӏо? – щӏэупщӏащ аргуэру фызыжьыр.

– И щхьэжьыр матэ хуэдиз хъууэ зы къуэжь иӏэщ! – жиӏэри Фырэт и гу бампӏэр игъэтӏысащ.

– Алыхьразэ къыхухъу сипхъу кӏасэ цӏыкӏум! – къыпыгуфӏыкӏащ фызыжьыр. – Мис иджы хьэкъыу си фӏэщ пщӏащ, ар зыхыхьа бынунагъуэм нэмрэ псэмрэ хуэдэу ялъагъуу зэрадэпсэур.