Хъуэжэ къыхуалъхуну сабийхэм захуегъэхьэзыр

Хъуэжэ и фызыр къызэришэрэ зы мазэ фӏэкӏа мыхъуауэ лъхуат.

– Къуэ къыпхуалъхуащ, Хъуэжэ, – жаӏэу хъыбар щырагъащӏэм, зыри жимыӏэу щӏэкӏри, гущэ пщыкӏутӏ къихьри къэкӏуэжащ.

– Мыр сыт, мыбы хуэдиз гущэ сыт зэрыпщӏынур? – жиӏэри и фызыр къэуӏэбжьащ.

– А зэребгъэжьам хуэдэу мазэ къэс зы сабий къытхуэплъхумэ, гущэу къэсхьар зы илъэскӏэ пхурикъун къудейщ, – хуидакъым Хъуэжэ и фызым.